汪泉调研科教城:当好苏南国家自主创新示范区的排头兵新闻中心中国常州网 常州第一门户网 常州龙网 常州日报 常州晚报

Африкэм лъэпкъу, этникэ-гупу дэсыр 500 къыщык?эдзауэ 7 000 носыр. Апхуэдизу зэрзэшъхьащык?ыр джылэ исыр ф?ыуэ зэрамышъэм шъхьак?э лъэпкъхэмрэ, здэпсоухэмрэ. Нэхъ зэргугъэхэмк?э лъэпкъ-шъэныгъэ азэгъуэхэм лъэпкъу, этникэ-гупу (абыхэм нэхъ зэгъунэгъу лъэпкъхэр зэхагъыхьу) зэрыхъур мин 1 - 2 хуэдиз.
Лъэпкъ нэхъыбэхэр Африкэм дэсхэр мин зыт?ущ иэ шъэ зыт?ущ нэхъ мыхъху, зы къуаджэ-къуаджит? нэхъ дэмысху. Африкэм и 90 % дэсыр - ахэр лъэпкъ 120, 1 милыуаным ф?эк?ыу зи джылэхэр, абыхэм я 2/3 лъэпкъ 30 я щыщ, зи джылэр милыуан 5 ф?эк?ыу. Нэхъ къыхэщу щытыр Тропик Африкэм иджылэр 1/3 хъууэ ( Африкэм исым иныкъуэ хуэдыз ) яхэтхэр лъэпкъ 10 нэхъ инхэм ящыщ, милыуан 10 мы нэхъ мак?ыу хъууэ: хьарыпхэр, хаусахэр, фулбехэр, йорубахэр, игбохэр, амхарахэр, оромохэр, руандэхэр, малагасихэр, зулусхэр.
Лъэпкъ-културэмк?э Африкэм иш?ыгур т?ууэ зэгок?ыр "тхыдэ-лъэпкъ хэкук?э" - Ишъхъэрэ Африкэрэ Тропик Африкэрэ. Тропик Африкэм абы пэмык?ыу 6 хеубыдэ "тхыдэ-лъэпкъ хэку" (ТЛъХ):
- Къуэхьап?э Африкэ, иэ пэмык?ыу Къуэхьап?э Судан
- Экуадор Африкэ (Къуэхьап?э Тропик Африкэ)
- Ипшъэ Африкэ
- Къуэк?ып?э Африкэ
- Ишхъэрэ-Къуэк?ып?э Африкэ
- Мадагаскарымрэ адреуэ хъуамрэ.
Лъэпкъ зэхэтык?э-псоук?эр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Ишъхъэрэ Африкэ хэку ТЛъХ
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]
Ш?ып?эр: Мысыр, Ливиэ, Тунис, Алджазаир, Марокко, Къуэхьап?э Сахара, нэхъ мак?ыу хиубыду Мавританиэ.
Зэргуэчыр Мысыр-Суданрэ Магриб-Мавританрэ "тхыдэ-лъэпкъ хэкук?э" (ТЛъХ).
Щыпсоухэр: хьарыпрэ бербер лъэпкъхэмрэ, афразий бзэ-лъэпкък?э псалъэху, ипшъэеуропэ иэ ху курыт раса ц?ык?ум ящыщу. Джылэм я нэхъыбэр мыслъымэн диным пылъ, копот-лъэпкъым щымыхъук?э (пэсырей мысыр лъэпкъым къатек?а) - ахэр чыристэнхэ.
Я лэжьыгъэр нэхъыбэм губгъуэ-зехьа (Нил ипсыхъуэмрэ оазисхэмрэ), жыгхадэ, санэхухадэ, чыц?ыбжьэ ?арысэ ягъэк?, хьарыпхэмрэ (бедуинхэр) берберхэмрэ я ныкъуэр къушъхьа иэ пшахъуалъэ лъэныкъуэхэм дэсхэр куэч-псоук?э зэрахьа. Махъшэ, былым, шы, шыд зэраху. Я щыгъыныр - джанэ к?ыхь, пшъамп?э хъуэреуэ къыхауэ, гъуэнчэдж илъапэмк?э зэв хъууэ, къэпт?ал ?амэ зэрахьа. Куэч-лъэпкъхэм я хабзэмк?э иджыри къыздынэсым лъэгум ису машхэхэ, загъэпсэху ик?и щожэуйхэ. Я шхыныр - п?астэ мы ?ув ?амэ, шху, кус-кус, лы гъэжьа (такъыру, наф?эм телъу иэ ц?ык?у упк?этауэ), бжъэжъей, хьалывэ, джэш-чыпс ?амэ, чыпс-сыр, пхъышъхьа-мышъхьа гъэгъуа, щей, къэхьэуэ. Я унэхэр ят?э удынам иэ семаным къыхашъык?, унашъхьар занк?ыу, ишъхьагъумджэхэр пк?ант?эмк?э плъэуэ, урамымк?э к?эхьап?эм ф?эк?э хуэмыгъэзауэ.
Ишъхъэрэ-Къуэк?ып?э Африкэ ТЛъХ
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]
Ш?ып?эр: Эфиопиэм инэхъыбэр, Эритреэр, Джибути, Сомалир, Кениэм ишъхъэрэ-къуэк?ып?эмрэ къуэк?ып?эмрэ джоуэ хеубыдэ. Лъэпкъ дэсхэм я нэхъыбэр зэрыпсалэр эфиопыбзэхэмк?э (амхарэ, тигре, тиграи, гераге, харари пэмык?хэмк?э), кушитбзэхэмк?э (оромо, сомалий, сидамо, агау, афар, консо пэмык?хэмк?э), омотыбзэхэмк?э (омето, гимиррэ пэмык?хэмк?э) афрэазий бзэхэм хэт микро-унагъуэм ящыщхэ.
II — XI лъэхъэнэхэм къыщык?эдзауэ Эфиопиэм губгъуэ лъэжьыгъэм пылъхэ цьэцэпэцэхэр ягъэк?ыу, абы пэмык?ыу былым зехуэным пылъу. Губгъуэр зэравэр пхъэ?ашэк?э (марэша), выхэр к?эшъауэ. Аксумитхэм япэреуэ к?адза гъэк?ын, ?арысэ шъын хьэцэпэцэ Эфиопиэм нэхъ ф?эк?а зк?ып?и къэмык?: тэфф гъавэц?ык?урэ, дуррарэ (мэш лъэпкъым щыщ, натрыхум ехьчу), дагуссэ, джэш ?амэ къакъийрэ, чинарэ. Эфиоп бгыхэм абы пэмык?ыу къык?ахэр гуэдз гуэрэхэм я щыщ л?эужьыгъуэхэмрэ къэхьэуэмрэ. Хьаблэхэр зэбгырыдзауэ иэ урамк?э зэхэтурэ щытхэ, унэхэр хъуреуэ пхъэк?э шъауэ, ят?эк?э иэ вэнвейк?э ц?элауэ, пк?ашъхьар памц?у щыту - тукул , нывэк?э шъауэ пл?имэр, ишъхьар занк?ыу - хыдмо. Я щыгъыныр джанэ занк?э к?ыхь, бгарыпх бгъуэк?э к?эпхауэ, гъуэнчэдж къык?элъу. Эфиопыр куэдрэ Тропик Африкэм Чыристэн къэралу изакъуэ щыта. I лъэхъэнэм ипэм къыщык?эдзауэ эфиоп тхэбзэ зэрахьэн к?адзэ. Оромохэр, сомалийхэр, тигрехэр, афархэмрэ адрей лъэпкъхэри як?ыгъу - мыслъымэнхэ, куэч-псоук?э зэрахьа, былым, махъшэ, шы зэраху. Агау лъэпкъ гуэрэхэм джурт диным пылъхэ (фалаша - эфиоп иэ ф?ыц?э джуртк?э йоджэ).
Куъэхьап?э Африкэ иэ Къуэхьап?э Судан ТЛъХ
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]
Псом нэхъри нэхъ ину, нэхъ "гугъу" щыт хэку, ик?уэц?ымк?э 3 гуэчыжьу.
- Атлантик лъэныкъуэ: Сенегалым ишъхъэрэ икумрэ хиубыду, Мавританиэм ипшъэ лъэныкъуэхэр Сенегалым ?улъхэр, Гамбиэм икъуэхьап?э лъэныкъуэр, Гуинеэм ишъхъэрэ, икъуэхьап?э лъэныкъуэхэр, Гуинеэ-Бисау икур, икъуэхьап?э лъэныкъуэхэр (хы т?ыгу Бижагошхэр хэту), Сиерра-Леоне ишъхъэрэ-къуэхьапэ лъэныкъуэхэмрэ, атлантикэм пэщылъхэмрэ (хы т?ыгу Шерброхэмрэ пэмык?хэмрэ хиубыду), Либериэм ишъхъэрэ-къуэхьап?э лъэныкъуэр, Кабо-Верде джоуэ хэтхэ. Лъэпкъ атлантикэм ?усу хъуар атлантик бзэхэмк?э мэпсалъэхэ, адрейхэр мандéбзэхэмк?э (сусу, маника, менде, ваи пэмык?хэмрэ).
- Судан лъэныкъуэ: Сенегалым ипшъэ къуэк?ып?эмрэ, Гамбиэм икъуэк?ып?эр, Гуинеэ-Бисау ишъхъэрэ, икъуэк?ып?эмрэ, Гуинеэм икумрэ икъуэк?ып?эмрэ, Сиерра-Леоне икумрэ икъуэк?ып?эмрэ, Либериэ ишъхъэрэ-къуэк?ып?эмрэ, Мали (ишъхъэрэ лъэныкъуэм щымыхъук?э), Мвританиэм ипшъэ лъэныкъуэхэр Малийм ?улъхэр, Буркина Фасо, Кот-д'Ивуарым, Ганам, Тогом, Бениным, Нигериэм, Камеруным япшъэ лъэныкъуэхэр, Нигерымрэ Чадымрэ янэхъыбэр. Судан лъэныкъуэ лъэпкъхэм я нэхъыбэр нигер-конголез бзэхэмк?э мэпсалъэхэ: бзэ мандéк?э, гурк?э, догонхэмк?э, сенуфук?э псалъэхэм я нэхъыбэр здэпсор абдежь абы пэмык?ыу лъпкъ нэхъ ин атлантик бзэ унагъуэм щыщ - фулбе, адамава-убангий бзэхэм ящыщ мумуйе, чамба пэмык?хэмрэ джоуэ. Чад бзэхэмк?э псалъэхэр япэреуэ хауса, нил-сахара бзэхэмк?э: сонгай, канури, тубу, загава, маба, фур, сара, багирми пэмык?хэмрэ джоуэ.
- Гуиней лъэныкъуэ: Кот-д'Ивуарым, Ганам, Тогом, Бениным, Нигериэм якухэмрэ, я ипшъэ лъэныкъуэхэмрэ. Гуиней лъэныкъуэм щыпсоу лъэпкъу хъуар нигер-конголез бзэхэмк?э мэпсалъэхэ: ква, кру, иджоидрэ бенуэ-конголезхэмрэ (йоруба, игбо, бини, нупе, гбари, игалара идомэрэ, ибибио, эфик, камбари, катаб, биром, джукун джоуэ) абы пэмык?ыу бантоидхэр (тив, экои).
Куэхьап?э Африкэм арыху къык?акъым африкэ цивилизацэр: ш?ып?эр ф?ыуэ (уэшху къэшхыр ирикъу) тегъэпсыхьауэ елэжьыным. Суданым хьэцэпэцэхэр ягъэк? (ху, прундж, гуэдзым ехьч къэк?ыгъэхэр), Гуинеэм итропик мэз лъэныкъуэхэм щы?ахэм лъабжъэк?эк?э къэк?ыгъэхэм йолъэжьыр (ямс, кассава абы хуэдэ памык?хэри). Атлантикэм и?уфэмк?э хьэцэпэцэхэм ядэк?ыгъу лъабжъэк?эк?эхэри ягъэк?ыр. Суданым былым зехуэным пылъхэ. Куэду зыпылътэр дышъэ къык?эхыным ауэ чыгъу (шыгъу) зэрамы?ам шъхьак?э судан лъэпкъхэр сахарам исхэм яде щахуэхэт (чыгъук?э нэхъ къуэлеуэ щытахэм).
Экуатор Африкэ (Къуэхьап?э Тропикымк?э) ТЛъХ
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Ш?ып?эр: Камеруным икумрэ ипшъэмрэ лъэныкъуэхэмрэ, Чадым ипшъэ, Африкэ Курыт Республикэ, Конго Республикэ, Конго Республикэ Демократ, Габон, Экуадор Гуинеэ, Сан-Томерэ Принсипирэ, Анголэ, Замбиэ джоуэ хэт.
Дэсхэм я нэхъыбэр бантубзэк?э псалъэ лъэпкъхэра: дуала, фанг, буби, мпонгве, теке, мбоши, нгала, комо, монго, тетела, куба, конго, амбунду, овимбунду, чокве, луэна, лози, тонга, бемба, луба пэмык?хэр джоуэ. Пэмык? бантубзэхэмк?э псалъэхэр: бамилеке, бамум, тикар. Адамава-убангийбзэхэмк?э - занде, банда, нгбандирэ гбайярэ. Суданкурыт бзэхэмк?э - морумангбету лъэпкъхэр. Пигмейхэр я гъунэгъухэм ябзэхэмк?э мэпсалъэхэ, ипэмк?э къэбжэк?ауэ хъуам ауэ нэхъыбу банту бзэхэмк?э.
Я ?ашъагъэ-шъэныгъэхэр тропик мэзхэм нэхъ тегъэпсыхьауэ щытхэ Гуинэй лъэныкъуэм нэхъ ехьчу. Нэхъ къыхагъэк?ыр пигмейхэра, куэчынымрэ шъак?уэн псэук?эмрэ пылъхэр.
Ипшъэ Африкэ ТЛъХ
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]
Ш?ып?эр: ипшъэ Анголэ, Намибиэ, Африкэ Ипшъэ Республикэ, Свазилэнд, Лесото, Ботсвана, Зимбабве, Мозамбикым ипшъэ и ку лъэныкъуэхэмрэ.
Джылэ дэсхэм ябзэхэр: банту бзэмк?э псалъэ лъэпкъхэр коса, зулу, свази, ндебелерэ матабелерэ, суто, тсвана, педи, тсонга, венда, шона, гереро, овамбо пэмык?хэр джоуэ. Койсан бзэхэмк?э псалъэхэр бушменхэмрэ готтентотхэмрэ.
Ипшъэ Африкэм счыгъуи лъэпкъ к?эхэр ихьурэ щыта, Къуэк?ып?э Африкэ лъэныкъуэм къыщык?эдзауэ банту бзэхэмк?э псалъэ лъэпкъхэр I ди лъэхъэнэм щык?эдзауэ койсан лъэпкъхэм здэпсоуа я ш?ыгу нэхъыф?хэр яубыдурэ (пшахъуалъэ Калахаримрэ Намибымрэк?э ирагъэкуэтаху). XIX лъэхъэнэм ипэм нгуни щыщ лъэпкъым иныкъуэр Африкэ Ипшъэ Республикэм ишъхъэрэ лъэныкъуэм ит?ысхьахэ, иджырей Зимбабвем (матабеле), Танзаниэм ипшъэ лъэныкъуэ (нгони).
Банту бзэхэмк?э псалъэ лъэпкъхэм я лэжьыгъэр - хадэ-губгъуэ зехьанрэ (пхъышъхьа-мышъхьа, джэш, нартыху, ху), былыб зехуэнрэ. Готтентотхэр былым зехуэным пылъхэ, лъэпкъ топнар-намам щымыхъук?э (Намибиэм), хы псэушъхьахэм яшъэк?уэным пылъахэ.
Я хьаблэхэр хъуреуэ, зэк?элъыпыту яшъхэ. Унэхэр хъуреуэ, пк?ашъхьэхэр памц?у щыту. Адрей африкэ лъэпкъхэм ялъытамэ уэнджак зэ?ухауэ яшъхэр (янэхъыбэм унэм к?эмыту пк?ант?эм дэту), къушъхьа лъэпкъ тсванэхэмрэ сутохэмрэ ят?э хьаку яшъхэр, унэк?уэц?ым.
Бушменхэр (сан) - куэч лъэпкъ, шъак?уэмрэ, къэк?ыгъэ къшыпынымрэ пылъхэ. Здэпсохэр пщы?атэхэм, кудамэхэмк?э зэтралъхьу, ишъхьамк?э удзрэ фэхэрэ тралъхьу.
Къуэк?ып?э Африкэ ТЛъХ
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]
Ш?ып?эр: Комор хы т?ыгухэр, Малави, Мозамбикым ишъхъэрэ, Замбиэм, Танзаниэм, Угандам, Руандэм, Бурундим япшъэ-къуэк?ып?э лъэныкъуэхэр, Конго Республикэ Демократым икъуэк?ып?эмрэ ишъхъэрэ-къуэк?ып?э лъэныкъуэмрэ, Кениэм инэхъыбэр, Суданыр, Эфиопиэм икъуэхьап?э лъэныкъуэр.
Хэкуит?у мэгуэч:
- ?уфэм ?улъыр - Индиэ океаным и?уфэмк?э щы?а Сомалим къыщык?эдзауэ къуэк?ып?э Мозамбикым нэгъунэ.
- Псыхъурей зэхуакур - Руанда, Бурунди, КДР, Угандэм икъуэхьап?эмрэ ипшъэмрэ, Танзаниэм ишъхъэрэ-къуэхьап?эр.
Къуэк?ып?э Африкэ ТЛъХ-м лъэпкъ дэсым янэхъыбэр банту бзэхэмк?э псалъэхэм ящыщ (кикуйу, акамба, меру, лухия, джагга, бемба, ниямвези, сукума, шамбала, зарамо, гого, хехе, бена, кинга, фипа, яо, малави, макуа, маконде, нгони пэмык?хэр джоуэ) абыхэм щымыхъук?э нилоту хъуари, абыхэм пэмык?ыу лъэпкъ нил-сахара бзэхэмк?э псалъэхэри (берта, кома, гумуз, кунама, кулияк, тумтум, кадугли, кронго джоуэхэ). Кушит бзэхэм ящыщ эфиопхэр (ираку, горова, бурунги) капхэр (дахало, сандаве, хадза). Псыхъурей зэхуакум дэсхэр банту бзэхэмк?э псалъэ лъэпкъхэр - руанда, рунди, ганда, сога, ниоро, ниянколе, торо пэмык?хэм джоуэ. Хы ?уфэм ?усхэр суахили лъэпкъхэр (коморхэмрэ миджикендахэмрэ).
Я лъэжьыгъэхэр нэхъыбэм банту лъэпкъхэм ш?ыгум, къэк?ыгъэхэм теухуахэ, нилот лъэпкъхэм былым зехуэным.
Хы ?уфэм ?ус лъэпкъхэмрэ хы т?ыгухэм щыпсохэмрэ я хабзэ шэнхэр зэрзэф?эувар мыслъымэн лъэпкъхэм япылъурэ Азиэм къык?ахэм (Аравиэм, Оманым, Персым, Индиэм), банту бзэмк?э псалъэ лъэпкъхэмрэ. VII-X лъэхъэнэхэм зэф?эува Суахил цивилизациэр Къуэк?ып?э Гъунэгъум щэхуэнымк?э пылъурэ икъэру къыиту, нэхъ лъэш щыхъуар XIV лъэхъэнэм. Суахилхэр бжъэжъей ешъэнымрэ хы псэушъхьахэм яшъэк?уэнымрэ пылъхэт, нэлмэс хым къыхахт абы шъхьак?э хы зек?уэмрэ, кхъухь шъынымрэ ф?ыуэ зэф?эувауэ щытт.
Псыхъурей зэхуакур африкэ къэралыгъуэм изы ш?ыналъу щыт, адрей къэралхэмрэ лъэныкъуэхэмрэ хуэду хамэ хабзэхэр хэмыхьауэ, ш?ып?э "зэхуэшъауэ" зэрщытам шъхьак?э. Еуропэ лъэпкъхэм я хабзэхэр а лъэныкъуэм щынэсар, хыхьу щык?адзар XIX лъэхъэнэм иныкъуэм идежь. Лъэпкъ дэсахэр щыуэ бгуэч хъуну зэрзэшъхьащык?хэр я аплъэпкъымк?э, лэжьыгъэмк?э, ?анат?э я?амк?э ауэ зы бзэмк?э псалъэху. ?анат?эмк?э нэхъ лъэшу щытахэр лъэпкъ тутси (Руандэмрэ Бурундимрэ), иэ бахима (Ипшъэ Угандэм шыпсоу лъэпкъхэр) - былым зехуэ уэркъ, былым бжыгъэхэр зэраху, ш?ыгу нэхъыф?хэр я?ыгът, аплъэпкък?э эфиоп лъэпкъхэм нэхъ яхьчу, лъагэф?ху: дунем нэхъ лъэпкъ лъагэхэ ик?и нэхъ лъэпкъ гъуру щытхэ. Абыхэм яужу иту к?уэхэр хуту лъэпкъ - негр лъэпкъ псом яхуэдэху батутсихэм "яуэ" щытахэ, былымрэ ш?ыгумрэ къа?ыраху, абым иуасэпк?э яту. Псом нэхъ л?ахуэу щытахэр пигмей лъэпкъ тва, шак?уэ-лъэпкъ, пщыл?у щытахэ (тутсихэмрэ хутухэмрэ яхуэду).
Мадагаскар хы т?ыгу ТЛъХ
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Ш?ып?эр: Мадагаскар, Сейшел хы т?ыгухэр, Маврикий, Реиунион.
Щыпсохэр малагасийхэр (Мадагаскарым) креолхэр (маврикийхэ, реиунионхэр, сейшелхэр), абыхэм пэмык?ыу Ипшъэ Азиэм къык?ахэмк?э (индоарий бзэхэмк?э дравидий бзэхэмк?э псалъэхэр) мак?ыу Хъутэйхэр, малайхэр, хьарыпхэр щопсоу.
Лэжьыгъэ зыпылъхэр былым зехуэнымрэ губгъуэ елэжьынымрэ. Малагасийхэм яэ шъэныгъэ хабзэм куэд ипшъээ азиэм къыхэк?ауэ хэлъ (къэмылымк?э чэк?э уэуэ, кхъухьхэр зэрашъыр, прундж гъэк?ыныр, тут хьамблу зечэныр, данэ мыда щыгъын зехьаныр).
Расахэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Ишъхъэрэ Африкэ лъэныкъуэм ис лъэпкъхэр индо-хы курыт лъэпкъым ящыщхэ.
Тролик Африкэм илъэпкъдыдэхэм ящыщхэр негро расашхуэм щыщ (лъэпкъ ц?ык?уху зэхок?хэ: негру, африкэ курыту (пигмейхэр), капо (бушменхэмрэ готтентотхэмрэ). Еуропейхэм нэхъ ягъунэгъу, здызэхэхьахэм Ишъхъэрэ Африкэм, Аравиэм (хы курыт раса иэ ипшъэеуропэ раса) лъэпкъыт?у зэф?эува - фулберэ эфиопрэ. Нэхъ раса зэхэпхъам ящыщыр, негр лъэпкъымрэ монгол лъэпкъ зэхэлъу, абы пэмык?ыу ипшъэеуропэ лъэпкъхэри хэту малагасийхэра.